56 Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.
– Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы щыгъуэ: – Фэ псоми си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ ныжэбэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ мэлыхъуэр сукӀынущ, мэл хъушэри зэбгрыкӀыжынущ».
Ауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр дауэ пэж зэрыхъунур? Тхьэм и псалъэу тхахэм хэткъэ мыпхуэдэу зэрыхъун хуейр?
ХеящӀэм и пащхьэм зыщызгъэхеину япэ дыдэ сыщыхэтам, зыри дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуакъым, псоми сыхыфӀадзэжащ. КъызащӀар Зиусхьэным ярыремыгъэпшыныж.
– Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.
– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.
Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.
Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».