49 Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.
ГукъабзагъэкӀэ къуэш псоми ӀэплӀэ ефшэкӀыурэ, фӀэхъус схуефхыж.
Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэт Иудэ жиӀащ: – Равви, сэрмырауэ пӀэрэ жыхуэпӀэр? – Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жриӀащ абы Хьисэ.
Къыбгъэдыхьэри къыщӀэнакӀэрт зауэлӀхэр: – Упсэу, журтхэм я пащтыхь! – жаӀэурэ. Ар жаӀэурэ, абы енэпэфауэрт.
Уэ ба къысхуэпщӀакъым, сэ унэм сыкъызэрыщӀыхьэрэ мы цӀыхубзым си лъакъуэхэм зэпымыууэ ба къыхуещӀ.
Щхьэщэ хуащӀу щӀадзэри, жаӀащ: «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!»
ИтӀанэ Исхьэкъ, абы и адэм, къыжриӀащ: – Къызбгъэдыхьэ, ба къысхуэщӀ, си къуэ.
ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.
– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.
– Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр. Ар къэвубыд, – жиӀэри Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат Иудэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ: – Равви, шхэ.