34 – Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.
– Уи псэр сэр щхьэкӀэ птынуи? – жэуап итыжащ Хьисэ. – Пэж дыдэр бжызоӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ!
– Петр, сэ ныбжызоӀэ, нобэ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ, – жиӀащ Хьисэ.
Хьисэ къыжриӀэгъауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ Петр.
– Утыкум псоми укъранэми, сэ зэикӀ укъизнэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.
Абы ирихьэлӀэу адакъэ етӀуанэу Ӏуащ. Хьисэ къыжриӀауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, Петр къэгъащ.
Зиусхьэным зыкъригъэзэкӀри, Петр къеплъащ. Зиусхьэным къыжриӀэгъа псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ: «Нобэ, адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».