Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 26:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 Мы санэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ. ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэурэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ, я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 26:28
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.


Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, Зиусхьэным фалъэр къищтэри, жиӀащ: «Мы фалъэм ит санэр Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэ зэгурыӀуэныгъэщӀэращ. А зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр сэ жорым щысщӀэкӀыну лъыращ. Мы санэм фефэн хъумэ, фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, фефэ».


Дэ гуэныхьу тщӀахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ, ди гуэныхьхэм я закъуэкъым абы ипшыныжыр, атӀэ дунейм тет цӀыху псоми я гуэныхьхэр епшыныж.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу мэлыхъуэ лэгъупэжьыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Хьисэ и лъыр арщ мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэу Тхьэм езымрэ дэрэ дяку къыдилъхьар мыхъурым хуэдэу зыгъэпэжар.


Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.


Езым и Къуэращ лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр къэзыщэхужар, ди гуэныхьхэри къытхуэзыгъэгъуар.


Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ итӀанэ: – Мы щӀакхъуэр, фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, стыну си пкъыращ. Фи гум сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мыр фшхы.


И Къуэм жорым лъыуэ щыщӀэкӀамкӀэ, Тхьэм езым дызригъэкӀужурэ, и Къуэм къыпкъырыкӀыу щӀылъэми уафэми щыӀэ псори езым зригъэкӀужащ.


Зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэремыдэӀуам къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэд гуэныхьыщӀэ хъуащ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэредэӀуам щхьэкӀи, Тхьэм цӀыху куэдми щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ.


– Мы санэр сэ си лъыуэ Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэр арщ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэн щхьэкӀэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.


Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.


Ӏэдэм ищӀа гуэныхьхэр Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къыдит тыгъэшхуэм хуэдэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ цӀыху куэд лӀащ. Ауэ а гуэныхьу ищӀам нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр куэдкӀэ нэхъ инщ икӀи зы цӀыхуу Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ цӀыхубэм ярит тыгъэшхуэр куэдкӀэ нэхъ инщ.


Тхьэм зэрыжиӀам тету, умэхъакӀуэ Иуан, губгъуэ нэщӀым къыщыхутауэ, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.


Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.


Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, щаритым, яжриӀащ итӀанэ: – Фэ псори мыбы итым щыщ фефэ.


Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.


Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, фалъэр къищтэри, Хьисэ жиӀащ: – Мы фалъэм санэу итым къикӀыр зэгурыӀуэныгъэщӀэу Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэр аращ. ФӀы къыфхуэдэкӀуэн щхьэкӀэ а зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ