27 Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, щаритым, яжриӀащ итӀанэ: – Фэ псори мыбы итым щыщ фефэ.
Ди Зиусхьэну Хьисэ и лӀэныгъэр ди гум къэдгъэкӀыжу, дызэгъусэу дыщышхэкӀэ, санэ фалъэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Санэм дыщефэкӀэ, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ езым гъусэ дыхуэхъуркъэ? ЩӀакхъуэр щызэгуэтщӀыкӀкӀэ, Мэссихь и пкъым гъусэ дыхуэхъуркъэ?
Хэти езым игу илъыр ирегъэунэхуж, итӀанэ щӀакхъуэр ирешхи, фалъэм итми ирефэ.
Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, фалъэр къищтэри, Хьисэ жиӀащ: – Мы фалъэм санэу итым къикӀыр зэгурыӀуэныгъэщӀэу Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэр аращ. ФӀы къыфхуэдэкӀуэн щхьэкӀэ а зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.
ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.
Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.
Мы санэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ. ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэурэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ, я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкӀэ.