Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 26:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ ИскариоткӀэ зэджэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 26:14
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Иудэ Искариот; а Иудэращ Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.


– Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.


ЩӀакхъуэ бзыгъэр Хьисэ къызэрыӀихыу, Иудэ щӀэкӀащ. Жэщт.


Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.


Хьисэ абыхэм езыгъэубыда Иудэ, Хьисэ укӀ тралъхьэу щилъагъум, щӀегъуэжщ, ирата дыжьын ахъшэ щэщӀыр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ яхуихьыжри,


Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэу Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэщ ахэр къэзыгъэкӀуар.


Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну Иудэм а щӀыпӀэр ицӀыхурт, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ абы куэдрэ щызэхуэсырти.


Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэт Иудэ жиӀащ: – Равви, сэрмырауэ пӀэрэ жыхуэпӀэр? – Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жриӀащ абы Хьисэ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Иудэ Симон Искариот, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынум, жиӀащ:


– Мы щӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хэзгъапщӀэу зэстынуращ жыхуэсӀэр, – жэуап итыжащ Хьисэ. ЩӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хигъапщӀэри, Симон Искариот и къуэ Иудэ хуишиящ.


ЩӀэпхъаджагъэу ищӀам пэкӀуэу ирата пщӀэмкӀэ Иудэ щӀыгу къищэхуащ. А щӀыгум бгъэгукӀэ техуэщ, и ныбэр зэгуэудри, и кӀуэцӀыр зэрыщыту къиуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ