12 А цӀыхубзым мы дагъэ лъапӀэр си пкъым къызэрытрикӀамкӀэ сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзырауэ арщ.
А цӀыхубзым и ужь икӀ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сыщыщӀалъхьэжыну махуэм щхьэкӀэ мы дагъэр схуихъумащ абы.
Мы цӀыхубзым лъэкӀыр ищӀащ. Абы си пкъым дагъэ къыщихуэри, сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзыращ.
ИтӀанэ унэм кӀуэжри, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапӀэхэмрэ ягъэхьэзыращ хьэдэм щахуэну. Хабзэм тету, щэбэт махуэм загъэпсэхужащ абыхэм.
Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.
ИтӀанэ унафэ яхуищӀащ Исуф езым и лӀыщӀэхэм – Ӏэзэхэм, и адэм балзам щахуэну; Ӏэзэхэми щахуащ Израил балзам.