10 Абы гу лъитэри, Хьисэ яжриӀащ: – ЦӀыхубзыр сыт щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.
А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.
Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.
Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.
Уи цӀыхухэм ягу къэгъэкӀыж Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн, едэӀуэн, фӀы щӀэн дэтхэнэми хуэхьэзырын зэрыхуейр.
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.
Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.
зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.
Мы псалъэхэр пэжщ: Члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэ хъуну зыгуэр хуеймэ, зи ужь итыр ӀуэхуфӀщ.
Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.
ИкӀэм-икӀэжым, зыми сремыгъэгузавэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уӀэгъэ дыркъуэхэр сэ си пкъым щӀытелъыр Мэссихь сызэрыхуэлажьэр арщ.
Фызыгъэгулэзхэр лъэныкъуэ ирагъэзакӀэщэрэт!
НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.
Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ.
И ужь фикӀ! – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ар щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.
Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
Ар лъапӀэу ящатэмэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм хуагуэш хъунут.
ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.
Хьисэ здэпсалъэм, синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀа гуэр къыбгъэдыхьэри къыжриӀащ абы: – Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр гугъу йомыгъэхь.