9 – Хъыджэбз Ӏущхэм жэуап къратащ: «Фэри дэри ар тхурикъунукъым. Дагъэ зыщэхэм я деж фыкӀуэрэ дагъэ къэфщэхумэ, нэхъыфӀщ».
Аращи, бзаджагъэу блэжьам хущӀегъуэжи, Тхьэм елъэӀу. Мыхъун мураду уиӀэр Тхьэм къыпхуигъэгъункӀи хъунщ;
– Аращи, си псалъэхэр зэхихэу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа цӀыху губзыгъэрщ.
– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.
Абыхэм ящыщу тхур ахьмакът, тхур Ӏущт.
Ахьмакъхэр Ӏущхэм елъэӀуащ: «Фи дагъэм щыщ къыдэфт, ди уэздыгъэхэр мэункӀыфӀри».