3 Ахьмакъхэм я уэздыгъэхэр къыщащтэм, дагъэр къыздащтакъым.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.
Сардис къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и псиблымрэ и вагъуиблымрэ зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ: Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фыпсэууэ жаӀэ цӀыхухэм, ауэ фылӀащ.
Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ.
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.
Абыхэм ящыщу тхур ахьмакът, тхур Ӏущт.
Ӏущхэм уэздыгъэхэри дагъэ зэрыт дагъалъэхэри къыздащтащ.