47 Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэм и мылъку псори а унэӀутым и ӀэмыщӀэ ирилъхьэнущ.
– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ. Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.
Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэм и мылъку псори а унэӀутым и ӀэмыщӀэ ирилъхьэнущ.
ТекӀуэныгъэр къэзыхьым мы псори ӀыхьэфӀ хуэхъунущ. Сэ абы сри-Тхьэнущ, езыри си къуэнущ.
Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.
ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ. «Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым», жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ.
Пщым абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ, си унэӀутыфӀ. Ӏуэху мащӀэмкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, къалипщӀ уэ пӀэщӀэслъхьэнущ».
ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.
Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.
А унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ, тепщэр къэкӀуэжрэ апхуэдэу ищӀэу кърихьэлӀэжмэ.
Ауэ а унэӀутым бзаджагъэкӀэ игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу