23 А махуэхэм «Мис, Мэссихь мыбы щыӀэщ», жиӀэу, е «Мэссихь модэ щыӀэщ», жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, фи фӀэщ фымыщӀ;
– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.
А махуэхэм, «Мис, Мэссихь мыбы щыӀэщ», жиӀэу, е «Мэссихь модэ щыӀэщ», жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, фи фӀэщ фымыщӀ.
Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.
Дзэ пашэр Паул жиӀам нэхърэ кхъухь пашэми кхъухьыр зейми жаӀахэм нэхъ едаӀуэрт.