21 а махуэхэм гузэвэгъуэшхуэ къэхъунущи. Дунейр къыщыхъуам къыщыщӀэдзауэ иджыри къэсыху щыӀакъым дяпэкӀи щыӀэнукъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ.
Абыхэм ящыщ куэд джатэкӀэ яукӀынущ, адрейхэри гъэру яубыдурэ хамэ лъэпкъхэм я деж яшэнущ. Я тетыгъуэ лъэхъэнэр иухыху, Ерусалим лъэгукӀэ хаутэнущ хамэ лъэпкъхэм.
Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.
– А гузэвэгъуэшхуэ махуэхэм я ужь дыгъэр напӀэзыпӀэм ункӀыфӀынущ, мазэри къэунэхужынукъым. Вагъуэхэри уафэм къехуэхынущ, уафэм щыӀэ къарухэри къызэщӀэхъеенущ.
Ауэ фэ фызыхуэсакъыж. Тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ, синэгуэгухэми щӀопщкӀэ къыщывэуэнущ. Си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм, хъыбарыфӀым щыхьэт фытехъуэн щхьэкӀэ фиувэнущ.
Фыщежэжьэнур щӀымахуэм е щэбэт махуэм темыхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм фелъэӀу;
– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.
Уафэри хъуэпскӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри ину хъеящ. ЦӀыхухэр дунейм къыщытехьам къыщыщӀэдзауэ щӀыр апхуэдизу хъеякъым зэи.