Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 23:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Хьэлъэ зехьэгъуейхэр зэкӀуэцӀапхэри, цӀыхухэм я дамащхьэм тралъхьэ, ауэ цӀыхухэм ядэӀэпыкъуну езыхэм я зы Ӏэпхъуамби ягъэхъейркъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 23:4
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, – жиӀащ Хьисэ, – цӀыхухэм хьэлъэ шэчыгъуейхэр ятыволъхьэ, ауэ абыхэм фадэӀэпыкъун щхьэкӀэ зы Ӏэпхъуамби вгъэхъейркъыми.


Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?


Сунэт ящӀа дыдэхэми Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэркъым, ауэ сунэт фащӀыну и ужь итщ, сунэт фызэращӀамкӀэ зыщытхъужын щхьэкӀэ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ нэхъ вгъэзэщӀапхъэу Торэт хабзэм зи гугъу ищӀ захуагъэм, гущӀэгъу пхэлъыным, Тхьэм хуэщыпкъэным фыбгъэдокӀ. Ахэращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзэхэр зыщывмыгъэгъупщэу.


Фэ фщыщу Фиатирэ къалэм къыдэна цӀыхуу, Езавел и гъуэгум темыту, шейтӀаным и щэхушхуэхэр зэзымыгъащӀэхэм нэгъуэщӀ хьэлъэ зэрыфтезмылъхьэнур нывжызоӀэ.


ФызэдэӀуэн хуей мы унафэхэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хьэлъэ фтедмылъхьэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀи дэркӀи тфӀэигъуэщ.


Аращи, фщӀэн хуейуэ икӀи вгъэзэщӀэн хуейуэ абыхэм къывжаӀэ псори вгъэзащӀэ, ауэ ящӀэр фымыщӀэ, абыхэм жаӀэ фӀэкӀ, жаӀэр ягъэзащӀэркъыми.


Тхьэр фӀыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщӀэнущ. И унафэхэри гугъукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ