Маттэ 23:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр34 Абы къыхэкӀкӀэ, бегъымбархэри, акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэри, дин егъэджакӀуэхэри сэ ныфхузогъакӀуэ. Абыхэм ящыщ зы гупыр жорым ефӀулӀынурэ, фыукӀынущ; адрей гупми фи синэгуэгухэм щӀопщкӀэ фыщеуэнущ икӀи зы къалэм дэфхунурэ адрей къалэм фхунущ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Къалэхэу Антиохиерэ Икониерэ къикӀри, журт гуп къэкӀуащ абы и ужькӀэ. Тегушхуауэ апостолхэм Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэм, журтхэм «Мы лӀыхэм жаӀэр пэжкъым, пцӀы яупс», жаӀэурэ цӀыхухэр апостолхэм къыбгъэдашащ. А журтхэм цӀыхубэр зэщӀагъаплъэри, Паул мывэкӀэ къеуэурэ къаукӀыну хэтащ икӀи, лӀауэ ялъытэри, къалэм далъэфащ.