7 Пащтыхьым ар щызэхихым, къэгубжьщ, и дзэр игъакӀуэщ, а лӀыукӀхэр зэтрыригъэукӀэри, я къалэри мафӀэкӀэ иригъэгъэсащ.
«Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы».
Абыхэм ящыщ куэд джатэкӀэ яукӀынущ, адрейхэри гъэру яубыдурэ хамэ лъэпкъхэм я деж яшэнущ. Я тетыгъуэ лъэхъэнэр иухыху, Ерусалим лъэгукӀэ хаутэнущ хамэ лъэпкъхэм.
Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.
Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж абы щыгъуэ, къалэм дэсхэри абы дрекӀыж, губгъуэм итхэри къалэм дремыхьэж.
Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.
– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ итӀанэ: «ХьэгъуэлӀыгъуэр хьэзыр хъуакӀэщ, ауэ къезгъэблэгъахэм ар яхуэфащэтэкъым.