Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 22:44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

44 «Тхьэуэ Зиусхьэным сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 22:44
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэгъуэм уи щӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэн, сигу псори къыздеӀэу.


ИкӀи Тхьэм мелыӀычхэм ящыщу гуэрым, «Уэ уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ», жриӀа?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь тепщэныгъэр иӀэн хуейщ, Тхьэм Мэссихь и бийхэр Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэху.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


Хьэщхьэвылъэр, дунейм и пащтыхьхэмрэ абыхэм я дзэхэмрэ къэслъэгъуащ итӀанэ. Ахэр шым тесымрэ абы и дзэмрэ езэуэну зэхуэсащ.


Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун


Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


«Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы».


«Мыр Зиусхьэным щыгугъащи, хрешыж, игу къыхуэфӀмэ, кърырегъэл», – жаӀэ абыхэм.


– Езы Даут Мэссихьым «Сэ си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и къуэу дауэ зэрубжынур?


– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ