Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 22:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 – Пащтыхьым нэгъуэщӀ унэӀутхэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: «Фыкъеблагъэ зыжесӀахэм яжефӀэ: Ӏэнэр хьэзырщ, выхэри, хьэгъуэлӀыгъуэм хуэзгъэшха нышхэри фӀезгъэгъэжащ, псори хьэзырщ, хьэгъуэлӀыгъуэм фыкъеблагъэ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 22:4
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;


Хадэр зейм унэӀутхэр игъэкӀуащ аргуэру, япэу игъэкӀуахэм нэхърэ нэхъыбэжу, ауэ абыхэми ар дыдэр къращӀащ.


Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?


– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.


Гухэхъуэ Ӏэнэр щытраувэну сыхьэтыр къыщысым, къеблэгъэнухэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэну: «Иджы фыкъеблагъэ, псори хьэзырщ».


– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ итӀанэ: «ХьэгъуэлӀыгъуэр хьэзыр хъуакӀэщ, ауэ къезгъэблэгъахэм ар яхуэфащэтэкъым.


Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».


– Ауэ абыхэм унэӀутхэм нэмыплъ къратри, зыр и хьэсэм кӀуащ, адрейр и сату и ужь ихьэжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ