34 Хьисэ саддукейхэм жаӀэнур ямыщӀэжу къызэригъэнар фарисейхэм щызэхахым, зэхуэсащ.
Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.
Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?
Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къэтэджри, Хьисэ игъэунэхун щхьэкӀэ, жиӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?