29 – Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.
сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт псори щӀатхар щыпкъагъэр дагъэщӀэн щхьэкӀэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыӀэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диӀэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ.
Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.
Тхьэм лӀахэр къызэригъэтэджыжынур къэмыхъун Ӏуэхуу щӀэфлъытэр сыт?
ЩыӀэ Зиусхьэным хузэфӀэмыкӀын? Зэман хэхам деж Сэ сыщыӀэнущ уи деж илъэс къакӀуэ, Сари къуэ иӀэнущ.
Аращи, лӀахэр къыщытэджыжкӀэ, мы зэшиблым ящыщу хэт ар зи фызынур? Ар зэшыблыми я щхьэгъусакъэ?
– Тхьэм и псалъэ тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэракъэ фыщӀыщыуэр? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
ЕкӀугъэм фытету зыкъэфщӀэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зымыщӀэ цӀыху гуэрхэр къыфхэтщ. ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, жызоӀэ ар.