Маттэ 22:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр24 – Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «ЛӀы гуэр бын имыӀэу лӀэмэ, а лӀым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, и къуэшым фызабэр къишэжын хуейщ». အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр я гъусэу. Абыхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи.