21 – Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.
Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.
АрщхьэкӀэ Петррэ Иуанрэ абыхэм жраӀащ: – Тхьэм демыдаӀуэу, фэ дывэдэӀуэныр Тхьэм дежкӀэ хъунрэ мыхъунрэ фэр-фэрурэ фегупсыс.
– «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу», – жриӀащ Хьисэ.
Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.
– ЦӀыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэӀуэн хуейщ, – жэуап къатыжащ Петррэ адрей апостолхэмрэ.
– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».
– Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ.
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ хуабжьу ягъэщӀэгъуащ абыхэм.
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.