Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 22:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 22:18
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар щӀыжаӀар Хьисэ щагъауэу, ар зэрагъэкъуэншэн гуэр къагъуэтыну арат. Хьисэ зригъэзыхри, и ӀэпхъуамбэмкӀэ щӀым зыгуэр тритхэу щӀидзащ.


ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.


Абыхэм ягукӀэ жаӀэр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт фэ фигукӀэ апхуэдэ щӀыжыфӀэр?


Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.


– Сыт Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр вгъэунэхуну фыщӀызэгурыӀуар? – жриӀащ Петр абы. – Мис, уэ уи щхьэгъусэм и хьэдэр щӀэзылъхьэжахэр къыщӀохьэ, уэ уи хьэдэри щӀахынущ.


Абыхэм я хьилагъэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр?


Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къэтэджри, Хьисэ игъэунэхун щхьэкӀэ, жиӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


Хьисэ абыхэм я гурылъыр къищӀэщ, сабий гуэр къищтэщ, ибгъукӀэ игъэуври яжриӀащ:


НэгъуэщӀ унэӀут гуэр игъэкӀуащ аргуэру; ар къаукӀащ; нэгъуэщӀ унэӀут куэди игъэкӀуащ; языныыкъуэхэр яубэрэжьащ, языныкъуэхэр яукӀыпащ.


Абыхэм я гум илъыр асыхьэтым игукӀэ ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт апхуэдэ фигукӀэ щӀыжыфӀэр фэ?


Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?


Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ.


Аращи, къыджеӀэ: Дауэ уеплърэ? Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?


Хьэкътын ахъшэр* сывгъэлъагъу. Динар ахъшэ Хьисэ къыхуахьащ абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ