17 Аращи, къыджеӀэ: Дауэ уеплърэ? Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?
А махуэхэм Рим къэралышхуэ псом ис цӀыху псори ябжыну икӀи я цӀэхэр ятхыну Август кесарым унафэ ищӀащ.
– Ет, – жиӀащ Петр. Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ: – Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?
Уэ уи гурылъхэр къыджыпӀэурэ, дебгъэдэӀуэну дыхуейщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ диным и гъуэгум тет а гупым цӀыхухэр дэнэкӀи къызэрыщыпэувым дыщыгъуазэщ.
Паул зиухейурэ, мыпхуэдэу жиӀащ: – Журтхэм я Торэт хабзэми, Тхьэм и унэшхуэми, кесарми яхуэгъэзауэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ сщӀакъым.
Иасон и унэм иригъэблэгъащ ахэр. «НэгъуэщӀ пащтыхь, Хьисэ зи цӀэр, щыӀэщ», жаӀэурэ кесарым и унафэхэм поув.
Абы и ужькӀэ, цӀыхухэр щабж гъэм, Галилей хэкум щыщу Иудэ зи цӀэ лӀыр къежьэри, цӀыху куэд гъусэ къыхуэхъуащ. ЦӀыхухэм ари яукӀри, и гъуса псори зэбгрыкӀыжащ.
Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.
Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ?
Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?