Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 22:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр я гъусэу. Абыхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 22:16
36 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, абыхэмрэ пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэмрэ Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀри, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ асыхьэтым зэчэнджэщащ фарисейхэр абы щыгъуэм.


Ахэр Хьисэ еупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ щыпкъагъэр зэрыжыпӀэми цӀыхухэм щыпкъагъэр зэребгъащӀэми дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэу щытщ, щыпкъагъэм тетуи Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ.


Ахэр Хьисэ деж нэсри, жраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, цӀыхухэм жаӀэм зыкӀи узэримыгъэгузавэми дыщыгъуазэщ, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи, икӀи щыпкъагъэм тету, Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ. Кесарым хьэкътын ахъшэ етт хъуну, хьэмэ мыхъуну? Еттыну хьэмэрэ едмытыну?


Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.


Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


Ауэ Тхьэм а Ӏуэхур дгъэзэщӀэну къытхуигъэфащэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм едгъэщӀэну ди пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ а хъыбарыфӀыр доӀуэтэж. ЦӀыхухэм ягу зредгъэхьыну дыхэткъым, Тхьэуэ ди гум и щыпкъагъэр зыгъэунэхум игу зредгъэхьыну арщ дызыхэтыр.


Къуэшхэм пашэу ялъытэу щытахэр, пашэу щытахэми щымытахэми, си зэхуэдэщ; Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ – а пашэхэм сэ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀым зыри хагъэхъуакъым.


Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.


Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.


ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.


Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ.


– Симон, зыгуэр ныбжесӀэнщ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – КъызжеӀэ, дин егъэджакӀуэ, – жэуап иритыжащ Симон.


Хьисэ гъуэгум щытехьэжым, лӀы гуэр къыбгъэдэлъадэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.


– Къалэм фыдыхьэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ хэсха лӀы гуэрым деж фыкӀуи, жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэ си уахътыр къэблэгъащ. Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ уи унэм щытшхынущ».


Адрейхэми – етӀуанэми, ещанэми, ебланэм нэсыху – ар къащыщӀащ.


– Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «ЛӀы гуэр бын имыӀэу лӀэмэ, а лӀым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, и къуэшым фызабэр къишэжын хуейщ».


Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн, сыпщыгъупщэпауэ сыкъэбгъэнэну, уи нэгу сыт хуэдизрэ сщыбгъэпщкӀуну?


Зиусхьэн! Си бийхэм ягу хэбгъэщӀу, уи щыпкъагъэм и гъуэгукӀэ сызешэ. Уи гъуэгур занщӀэ къысхуэщӀ.


Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэхэмрэ Хьисэ псалъэ гуэрым траубыдэн щхьэкӀэ, фарисейхэм ящыщи Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэм ящыщи Хьисэ деж ягъэкӀуащ абы и ужькӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ