14 – Къеблэгъар куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым,
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
(ИтӀанэ Хьисэ щӀигъужащ:) – Апхуэдэу я ужь итхэр япэ ищынущ, япэ итхэри я ужь къинэнущ; къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ.
А махуэхэр нэхъ мащӀэ мыхъуатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Тхьэм а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀынущ.
Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.