Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 22:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 – ХьэщӀэхэр зригъэлъагъуну къыщыщӀыхьэм, хьэгъуэ-лӀыгъуэм хуэфащэ щыгъын щымыгъыу лӀы гуэр илъэгъуащ пащтыхьым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 22:11
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Чэсей пӀащӀэ лыд икӀи къабзэ зыщитӀэгъэну мелыӀыч гуэрым Щынэм и нысащӀэ хъунум иритащ». Чэсей пӀащӀэм къикӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я щыпкъагъэр арщ.


Щыпкъагъэрэ гукъабзагъэрэ тэмэму фиӀэнуи, езым фыхуэдэнуи, Тхьэм фыкъигъэхъужауэ, щэныщӀэфӀыр фащэу зэфшэкӀын зэрыхуейри фагъэщӀащ.


Апхуэдэу дыхуэпамэ пцӀанэ дыхъужынукъым.


Ауэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу, фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми фахуэмыӀурыщӀэ.


(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.


Аращи, бей фыхъун щхьэкӀэ, мафӀэкӀэ гъэкъэбзэжа дыщэ си деж щыфщэхуну чэнджэщ фызот. ФызэрыпцӀанэщи, фымыукӀытэн щхьэкӀэ, щыгъын хужьхэри къэфщэху. Фи нэхэми ялъагъун щхьэкӀэ, ящыфхуэну дагъэри къэфщэху.


Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.


Фэ псоми, Мэссихь зи псэм хэлъыну яумэхъахэм, Мэссихь и щэныр фащэ фшӀащ.


Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы,


ТӀури зэщӀыгъуу хэгъуэм нэсыху къызэдрекӀ. Къахыжын щыхъукӀэ, гъавэр къэзыххэм сэ яжесӀэнущ: Япэ щӀыкӀэ ежьужьыр зэхуэфхьэси, пхыр фщӀы, мафӀэкӀэ вгъэсын щхьэкӀэ; итӀанэ гуэдзыр зэхуэфхьэси, си гуэнхэм ифкӀутэ».


Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.


УнэӀутхэр гъуэгухэм техьэри, ягъуэта псори, цӀыхуфӀхэри цӀыху бзаджэхэри, кърагъэблэгъащ; хьэгъуэлӀыгъуэм къекӀуэлӀар унэм щӀэз хъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ