Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 21:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 «Сион къалэу пхъум хуэдэм жефӀэ: Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ; ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 21:5
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.


Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;


«Уэ, Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм, Иудэ лъэпкъым и пашэхэм нэхърэ зыкӀи унэхъ цӀыкӀукъым; зы пашэ уэ къыпхэкӀынущи. Мэлыхъуэр мэлхэм зэракӀэлъыплъым хуэдэу, а пашэр си Израил лъэпкъым кӀэлъыплъынущ».


– Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.


ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.


ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн; сызылъагъу мыхъухэм къину сагъэшэчым къеплъ Уэ, лӀэныгъэм и куэбжэм сыкъызыӀушыжыр,


– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.


И гъуэгу ирикӀуэхэр кӀуэри, Хьисэ зэражриӀам тету ящӀащ.


Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ