44 Мы мывэм къытехуэр зэпкъриудынущ, езыр зытехуэр ипӀытӀынущ.
Абы нэмыщӀу, «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэуи» хъуащ. Тхьэм и псалъэхэм зэремыдаӀуэм щхьэкӀэ, ахэр мэлъэпэрапэ, Тхьэм абыхэм зэрахуигъэнэхуам хуэдэу.
И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу, цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр».
– А мывэм къытехуэр къызэпкъриудынущ, езыр зытехуэри щӀипӀытӀынущ.
– Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрырехуэ! – жаӀащ цӀыху псоми.
Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.
– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.
Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.
уи тепщэныгъэ башкӀэ абыхэм уеуэнщ; кхъуэщыным хуэдэу ахэр зэхэпкъутэнщ уэ».
– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.
Мы ущие хъыбархэр дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ щызэхахым, а хъыбархэр езыхэм зэратеухуар къагурыӀуати,
И нэфӀ абыхэм къащыхуэну Симеон Тхьэм елъэӀури, сабийм и анэ Мэрием жриӀащ: – Израил щыщ цӀыху куэд мы сабийм текӀуэдэн, цӀыху куэди мыкӀуэду къригъэлын, икӀи цӀыхухэр зыпэувын нэщэнэу къэнэхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар къигъэкӀуащ.