Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 21:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 – Абы а бзаджащӀэхэр кӀуэдыкӀейуэ игъэкӀуэдынурэ, жызум пычыжыгъуэр къыщыскӀэ, и жызум Ӏыхьэр къезытыжыну нэгъуэщӀ жызумгъэкӀхэм хадэр яӀэщӀилъхьэнущ, – къыжраӀащ абыхэм Хьисэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 21:41
38 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.


– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.


Аращи, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм Тхьэм къазэрылъигъэӀэсар фэ зэвгъащӀэ. Ахэри а хъыбарым едэӀуэнущ.


Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ?


Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.


Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.


Публий и адэр плъыржьэрымрэ ныбэузымрэ зэщӀаубыдауэ пӀэм хэлът. Паул сымаджэм деж щӀыхьэщ, Тхьэм хуелъэӀущ, и Ӏэхэр трилъхьэри игъэхъужащ.


Куэдрэ зэдэуа нэужь, Петр къэтэджри, абыхэм яжриӀащ: – Си къуэшхэ, фэ фщӀэркъэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэну Тхьэм сэ псом япэ сыкъызэрыфхихар.


Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.


уи тепщэныгъэ башкӀэ абыхэм уеуэнщ; кхъуэщыным хуэдэу ахэр зэхэпкъутэнщ уэ».


Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.


– АтӀэ, жызум хадэр зейр къакӀуэмэ, а жызумгъэкӀхэм сыт ярищӀэнур? – щӀэупщӀащ Хьисэ.


– Ар къэкӀуэнущ, а жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынурэ, хадэр нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ. – Ар къэхъуну Тхьэм жимыӀэкӀэ, – жаӀащ цӀыхухэм ар щызэхахым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ