34 Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.
Къеблэгъэнухэм я деж пащтыхьым и унэӀутхэр игъэкӀуащ, ауэ абыхэм къэкӀуэн ядакъым.
– ЖызумгъэкӀхэм унэӀутхэр яубыдри, зыр яубэрэжьащ, адрейр яукӀащ, ещанэри яукӀащ, мывэкӀэ еуэурэ.
– ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».
– АтӀэ, жызум хадэр зейр къакӀуэмэ, а жызумгъэкӀхэм сыт ярищӀэнур? – щӀэупщӀащ Хьисэ.
– Абы а бзаджащӀэхэр кӀуэдыкӀейуэ игъэкӀуэдынурэ, жызум пычыжыгъуэр къыщыскӀэ, и жызум Ӏыхьэр къезытыжыну нэгъуэщӀ жызумгъэкӀхэм хадэр яӀэщӀилъхьэнущ, – къыжраӀащ абыхэм Хьисэ.
Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм епсалъэу щӀидзащ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.
Ауэ жызумгъэкӀхэм жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».
Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ.
Мы ущие хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ итӀанэ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысри, жызумгъэкӀ* гуэрхэм яӀэщӀилъхьащ. Абы и ужькӀэ а лӀыр хамэ къэрал гуэрым куэдрэ къэтыну кӀуащ.