Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 21:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм и гъуэгу фытригъэхьэн щхьэкӀэщ Иуан къыщӀэкӀуар, ауэ фэ абы дзыхь хуэфщӀакъым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ Иуан жиӀар я фӀэщ хъуащ. Ар я фӀэщ зэрыхъуар флъэгъуа пэтми, фэ фыщӀегъуэжакъым икӀи Иуан дзыхь хуэфщӀакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 21:32
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ, Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра? – «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, езым къыджиӀэнщ: «НтӀэ, Иуан жиӀар сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.


Щыпкъагъэм и гъуэгур ящӀэу щытауэ, итӀанэ текӀыжу я щӀыб унафэ лъапӀэу апостолхэм къыхуагъэнам хуагъэзэным нэхърэ, Мэссихь и хъыбарыфӀым и гъуэгур ямыщӀатэмэ, езыхэмкӀэ нэхъыфӀт.


ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэрым и щӀыб гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и гъуэгум хуигъэзэжу, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гу бзаджэ зэримыӀэным фыхуэсакъ.


Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан къэкӀуащ. Ар нэщӀ исщ, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», хужаӀэ абы.


ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?


– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ