13 Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ.
Абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ». АрщхьэкӀэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.
ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэткъэ: «Сэ си унэр лъэпкъ псоми тхьэлъэӀупӀэ яхуэхъунущ»? Ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.
Уи цӀыху лъэпкъыр, ягъэщӀэ Зиусхьэн, Уэ уи уней цӀыхухэр егъэзыгъэ ящӀ.
Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».
– Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэмщ, – къыжраӀащ абыхэм, – бегъымбарым мыпхуэдэу итхащи:
Абы и ужькӀэ Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэр къыщӀихуу щӀидзащ.