11 – Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.
Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.
А псалъэхэр щызэхахым, цӀыху гуэрхэм жаӀащ: – Пэж дыдэу бегъымбарыр мыращ.
ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.
А Мусэращ израил цӀыхухэм яжезыӀар: «Фэ фи къуэшхэм ящыщу, сэ схуэдэу, бегъымбар гуэр Зиусхьэну Тхьэм къыфхуигъэкӀуэнущ».
– Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн? – Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым.
НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».
– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым.
– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.
– Ар Иляс бегъымбарырщ, – жаӀэрт нэгъуэщӀ цӀыхухэми. – Ар бегъымбар гуэрщ, пасэрей бегъымбархэм яхуэдэу, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.
– Сыт къыщыхъуауэ жыхуэфӀэ Ӏуэхухэр? – щӀэупщӀащ ар. – Назарет щыщ Хьисэ къыщыщӀарщ зи гугъу тщӀыр, – къыжраӀащ абыхэм. – Тхьэми цӀыху псоми я дежкӀэ ар и псалъэхэмкӀи илэжьа ӀуэхухэмкӀи лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ бегъымбару щытащ.
Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?
Апхуэдэу щыт пэтми, ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи си гъуэгу срикӀуэн хуейщ, бегъымбарыр Ерусалим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щылӀэ хъунукъыми.
Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.
Хьисэ Ерусалим щыдыхьэм, къалэ псор къызэщӀэхъеяуэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Хэт мыр?
– «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыхухэм дащышынэн хуейщ, цӀыху псоми Иуан бегъымбару ялъытэри.
Хьисэ яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхубэм ящышынащ, абыхэм ар бегъымбару ялъытэрти.