5 – Жызум хадэр зейр шэджагъуэм дежи, сыхьэтыр щым дежи, аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀ Ӏуэхуншэ гуэрхэри хадэм игъэкӀуащ.
ЕтӀуанэ махуэм ахэр гъуэгум тетурэ, къалэм пэгъунэгъу щыхъум, сыхьэтыр пщыкӀутӀым нэблэгъауэ, Петр Тхьэм елъэӀуну унащхьэм дэкӀуеящ.
Шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым нэблэгъауэ, Тхьэм и мелыӀычыр абы къыбгъэдыхьэщ, «Корнелий!» жиӀэри и пащхьэ къихутащ.
Махуэ гуэрым шэджагъуэ нэужь хъуауэ, цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу сыхьэтищым деж Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм кӀуащ.
– Махуэр сыхьэт пщыкӀутӀкъэ зэрыхъур? – жиӀащ Хьисэ. – Махуэм зекӀуэр лъэпэрапэркъым, мы дунейм и нэхур елъагъури.
А щӀыпӀэм Екъуб и псыкъуийр итт. Гъуэгум иригъэшати, псыкъуийм деж щетӀысэхащ Хьисэ. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар.
– ФыкъакӀуи, флъагъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. Ахэр кӀуэщ, зыщыпсэур ялъагъури, а махуэр Хьисэ деж щагъэкӀуащ. Ар сыхьэтыр плӀым дежт.
Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.
ЩрихьэлӀэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: «Фэри си жызум хадэм фыкӀуи, къэвлэжьыр фэстынущ». Ахэри кӀуащ жызум хадэм.
ИкӀэм-икӀэжым, сыхьэтыр тхум деж аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀхэри къыщрихьэлӀэм, абыхэми яжриӀащ: «Махуэ псом зыри фымыщӀэу мыбдежым щхьэ фыщызэхэт?»