Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 20:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 ГущӀэгъу яхуищӀри, Хьисэ абыхэм я нэхэм еӀусащ. Абыхэм я нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым икӀи Хьисэ и ужь иуващ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 20:34
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.


– Щывгъэт! И ужь икӀ! – жиӀащ Хьисэ. А унэӀутым и тхьэкӀумэм теӀэбэри игъэхъужащ итӀанэ.


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


Хьисэ а лӀыр цӀыхухэм яхишри, я закъуэ щыхъум, и Ӏэпхъуамбэхэр лӀым и тхьэкӀумэхэм ириӀущ, убжьытхэри, лӀым и бзэгум теӀэбащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри яжриӀащ: – Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, шхын яӀухуакъым. МэжалӀэу сутӀыпщыжыну сыхуейкъым. Къарууншэ хъунурэ, гъуэгум текӀуэдэнущ ахэр.


Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.


Абыхэм я нэхэм еӀусэри, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Фэ фи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къывдрехъу.


Хьисэ сымаджэм и Ӏэм еӀусэри, абы плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ. Петр и щыкъу анэр къэтэджыжри, Хьисэ хьэщӀагъэ кърихащ.


нэфхэр къегъэплъэж Зиусхьэным, къиным иухуахэр зыпкъ ирегъэувэж Зиусхьэным; къыхуэщыпкъэхэр фӀыуэ елъагъу Абы.


Нэфым и нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым, Тхьэм щӀыхь хуищӀу, Хьисэ и ужь иуващ ар. Ар щалъагъум, цӀыху псоми Тхьэм щытхъу хуаӀэтащ.


Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкӀыу цӀыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящӀэгъуащ.


Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ.


– Зиусхьэн, ди нитӀыр къытхуэбгъэплъэжынырщ дызы-хуейр, – къыжраӀащ абыхэм.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ