Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 20:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фяку дэлъын хуейр фэ. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 20:26
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


Хьисэ тӀысщ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, яжриӀащ: – Зыгуэр я пэ итыну хуеймэ, ар я ужь дыдэ итын икӀи псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ яхуэхъун хуейщ.


Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.


– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.


Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.


– Абыхэм пащтыхьым къыжраӀэнущ: «Зиусхьэн, уэ умэжа-лӀэу, е псы пхуэлӀэу, е ухамэу, е зыщыптӀэгъэн уимыӀэу, е усымаджэу, е лъэхъуэщым ущӀэсу утлъагъуу, ди фӀагъ уэдмыгъэкӀыу сыт щыгъуэ укъыщыдгъэнар?»


МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.


ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀэсыху, ар уи пӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъун щхьэкӀэ, си деж щызгъэӀэну сыхуейт,


Къемэтмахуэм Зиусхьэным гущӀэгъу къыхурещӀ. Ефес къалэм куэдрэ къыщыздэӀэпыкъуу зэрыщытар уэ фӀыуэ уощӀэ.


Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.


Саламин къалэм нэсри, журтхэм я синэгуэгухэм* цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуащ. Иуан абыхэм дэӀэпыкъуэгъуу я гъусэт.


– Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым, – жэуап къитыжащ Хьисэ. – Си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщу щытатэмэ, журтхэм саӀэщӀэмыхуэн щхьэкӀэ, къысхуэлажьэхэр схуэзэуэнт. Ауэ сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым.


Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубз куэд щытт. Ахэр Хьисэ дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуурэ, и гъусэу Галилейм къикӀыгъащ.


А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.


Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар пщылӀ къыфхурехъу.


Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фи зэхуаку дэлъын хуейр, атӀэ нэхъ ин дыдэу фхэтыр нэхъ цӀыкӀум хуэдэ ирехъу, тхьэмадэри щхьэгъэрытым хуэдэ ирехъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ