Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 20:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ. Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фыкъэтӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр си Адэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 20:23
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.


Иуан и къуэш Екъубыр джатэкӀэ иригъэукӀащ.


Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фытӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр Тхьэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.


– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.


Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар».


Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.


Ауэ къэрал нэхъыфӀ гуэрым щӀэхъуэпсу щытащ – ар уафэм щыӀэ къэралыр аращ. Аращи, езыхэм я ТхьэкӀэ щеджэкӀэ, Тхьэм емыкӀу ищӀыркъым, Тхьэм абыхэм къалэ яхуигъэпсащи.


Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.


Куэду дыфщогугъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ тшэч гугъуехьхэм фэ фи Ӏыхьи зэрыхэлъым хуэдэу, Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдэу, фэри фигу зэригъэзэгъэнур дощӀэри.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Адрей цӀыхуипщӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щызэхахым, а зэшитӀым яхуэгубжьащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ