Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 20:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 – Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, е цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну? – ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 20:22
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Си Адэ, ухуейуэ щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.


Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.


– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?


– Аббэ, си Адэ. Уэ пхузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. – Мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. ИтӀани сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.


Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.


Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.


Тхьэм фелъэӀуми, зыри къывитыркъым, Ӏеягъ фигу илъу, фи гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэм ятевгъэкӀуэдэныр арщ Тхьэм фыщӀелъэӀури.


ЦӀыхухэм гугъуехькӀэ саумэхъын хуейщ, ар къысэхъулӀэху Ӏейуэ согузавэ.


Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.


Абы и псэупӀэр Щалем щигъэуващ, и унэр – Цион Ӏуащхьэм.


– Уэ сыуигъусэу сылӀэн хуей хъуми, узмыцӀыхуу жысӀэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀы псоми жаӀащ ар дыдэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ