20 Зеведей и къуэхэм я анэр, и къуэхэр и гъусэу, Хьисэ къыбгъэдыхьэри, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьащ, зыгуэркӀэ къелъэӀуну хуейти.
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ.
Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.
Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт.
Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан, смирнэ тыгъэу иратащ.
Хьисэ щалъагъум, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ; ауэ ар зи фӀэщ мыхъу гуэрхэр абыхэм яхэтт.
Ауэ цӀыхубзыр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Уэ, Зиусхьэн, къыздэӀэпыкъу!
ЩыувыӀэжым, кхъуафэжьейм исхэр лъэгуажьэмыщхьэу Хьисэ и пащхьэм итӀысхьэри, жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ.
А апостол пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ;