Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 2:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 «Уэ, Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм, Иудэ лъэпкъым и пашэхэм нэхърэ зыкӀи унэхъ цӀыкӀукъым; зы пашэ уэ къыпхэкӀынущи. Мэлыхъуэр мэлхэм зэракӀэлъыплъым хуэдэу, а пашэр си Израил лъэпкъым кӀэлъыплъынущ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 2:6
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и псалъэ тхахэм хэткъэ Мэссихь Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм къазэрыхэкӀынури, Даут зыдэса Бэтлэхьэм къалэм зэрыщыщынури?


БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


«Абы гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэу, зэхикъутэнущ».


Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.


Ирод пащтыхьым и тетыгъуэм Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм къалэм Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.


ЩыӀэ псори Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэри, псоми я щхьэу икӀи члисэ зэхуэсым и щхьэу щытыну Тхьэм ар игъэуващ.


– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – етӀуанэу еупщӀащ Хьисэ абы. – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – ФӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу, – жиӀащ Хьисэ.


Ди Зиусхьэныр Иудэ зи цӀэ унагъуэ лъэпкъым зэрыщыщыр ӀупщӀщ. Мусэ бегъымбарыр дин пашэхэм къащытепсэлъыхьым, а унагъуэ лъэпкъым и гугъу ищӀакъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ