Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 – Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 2:2
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Сэ сы-Хьисэщ. Мы ӀуэхухэмкӀэ фи члисэ зэхуэсхэм щыхьэт къыфхуэхъуну си мелыӀычыр нэзгъэкӀуащ. Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀа бын лъапӀэр сэращ. Нэхущ вагъуэ нэхури сэращ.


– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.


Езым къыхиха и Къуэ щӀасэр дунейм къыщытригъэхьэм, Тхьэм жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀыч псоми ар ирегъэлъапӀэ».


АлыджыбзэкӀи, латиныбзэкӀи, журтыбзэкӀи тетхауэ Хьисэ и щхьэмкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхьщ» псалъэхэр тету.


– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жэуап иритыжащ Хьисэ.


«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».


цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.


– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.


«Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ! Уафэм мамырыгъэ щыӀэщ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ».


ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.


«Фыкъэувурэ, Сэ сызэры – Тхьэр зэвгъащӀэ: цӀыху лъэпкъхэми сагъэлъапӀэ, сыщагъэлъапӀэ щӀыгуми».


– ФӀэщхъуныгъэ сиӀэ хъуащ, Зиусхьэн, – жиӀэри, а лӀыр Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иуващ.


Пхъуэбгъу кӀапэм «Назарет щыщ Хьисэу журтхэм я Пащтыхьыр» жиӀэу, Пилат и зауэлӀхэм трыригъатхэри, жорым трыригъэӀулӀащ. Ар журтыбзэкӀи, алыджыбзэкӀи, латиныбзэкӀи тратхат.


Щызэхахым, пальмэ жыгым и къудамэхэр къащтэри, Хьисэ пежьэну дэкӀащ, макъ лъагэкӀэ мыр жаӀэурэ: «Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ Израил пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ!»


Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэм иуващ Хьисэ. – Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


«Сион къалэу пхъум хуэдэм жефӀэ: Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ; ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ».


Ар щызэхихым, Ирод пащтыхьыр гузэващ, абы дэгузэващ Ерусалим дэс цӀыху псори.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ