18 «Рамэ жылэм гъы, гузасэ макъымрэ гъыбзэмрэ зэщӀащтащ. Рахил, зыхуэмыубыдыжыну хуэмейуэ, и сабийхэр егъей, ахэр иӀэжкъыми».
ИтӀанэ и къуэшхэм я деж къигъэзэжри, жиӀащ: – ЩӀалэр щыӀэжкъым, дэнэ иджы сэ сыздэкӀуэнур?
Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ: – Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ.
Екъуб, абыхэм я адэм, яжриӀащ и къуэхэм: – Фэ сӀэщӀэфхащ си сабийхэр: Исуф щыӀэжкъым; Симеони щыӀэжкъым; Биниамини сӀэщӀэфхыну фыхуейщ – а псор сшэчын хуей сэ!
Иеремие бегъымбарым жиӀэгъа мы псалъэхэр пэж хъуащ абы щыгъуэ:
ЦӀыху псоми хьэдагъэ ящӀурэ, я бгъэгухэм еуэжырт. Хьисэ жиӀащ: – Хьэдагъэ фымыщӀ. Ар лӀакъым, мэжей.