Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 19:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз зинэ имыщӀауэ ар изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 19:9
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз, зинэ имыщӀауэ изыгъэкӀыж дэтхэнэми фызым зинэ иригъэщӀауэ мэхъу (фызыр аргуэру дэкӀуэжмэ). Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.


– И фызыр изыгъэкӀыжу, нэгъуэщӀ цӀыхубз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Апхуэдэу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фызыр къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.


И лӀыр псэуху, фызыр абы епхащ. ЛӀыр лӀэмэ, фызыр хэт хуейми дэкӀуэжыну хуитщ, ауэ зыдэкӀуэж лӀым и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ.


Фэ фщыщ гуэр зинэ щӀэным зэрыхэтыр цӀыхухэм яӀуэтэж; и анэ нэпӀэсыр зезышэж фхэтщ. Апхуэдэ хабзэ хамэ лъэпкъхэми яхэлъкъым.


Тхьэр Абимэлэх жэщым, пщӀыхьым хэту, къыхуэлъагъуэри къыжриӀащ абы: – УлӀэнущ уэ къэпщта бзылъхугъэм щхьэкӀэ; сыту жыпӀэмэ абы лӀы иӀэщ.


Фызыр езым и пкъыми тепщэкъым, абы и тепщэр лӀыращ. Апхуэдабзэуи, лӀыри и пкъым и тепщэкъым, абы и тепщэр фызыращ.


– Фэ фи ерыщыгъэм къыхэкӀкӀэ, фи фызхэр ивгъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит фищӀащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ахъумэ нэхъапӀэм апхуэдэу щытакъым.


– ЛӀымрэ фызымрэ зэрызэхущытыр апхуэдэмэ, абы щыгъуэ къыумышэххэныр нэхъыфӀщ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ