23 – Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр бейм дежкӀэ гугъущ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.
Хьисэ зиплъыхьри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ!
Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ.
Си къуэшхэ, фэ, Тхьэм езым и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэр, фызэплъыж. Мы дунейм и цӀыхухэм акъылыфӀагъэ зиӀэу ялъытэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри, унагъуэ бейхэм ящыщхэри куэду къыфхэткъым.
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.
жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.
Ар щызэхихым, игу ныкъуэу, щӀалэр ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.