Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 19:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 19:14
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.


Ар щилъагъум, губгъэн хэлъу, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


Ибрэхьим Исхьэкъыр, езым и къуэр, сунэт ищӀащ еянэ махуэм, Тхьэм абы унафэ къызэрыхуищӀам тетэу.


– Гъуэгу махуэ теуващ гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм щхьэкӀэ цӀыхухэм гугъуехь зрагъэшэчхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Хьисэ и Ӏэхэр абыхэм ятрилъхьащ итӀанэ. А щӀыпӀэм икӀыжащ Хьисэ абы и ужькӀэ.


Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ