Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 18:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 18:7
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхугъуэхэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыпкърыкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.


Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.


– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.


УнэӀутыгъэм и бжьыр зытелъ псоми я тепщэхэм щӀыхь псори яхуэфащэу ялъытэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм и цӀэмрэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэмрэ ямыгъэулъиин щхьэкӀэ.


– Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.


Сэ абыхэм сыщрагъусам, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр схъумащ икӀи сахуэсакъащ. КӀуэдын хуей цӀыхум фӀэкӀа абыхэм ящыщ зыри кӀуэдакъым, Тхьэм и псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэ.


Гъунэгъууи жыжьэуи, зауэ хъыбар щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.


Арати, къыдэхъуащ зэдауэ Ибрам и Ӏэщыхъуэхэмрэ ЛутӀи Ӏэщыхъуэхэмрэ яку; ханаан цӀыхухэри пэриз цӀыхухэри абы щыгъуэ щыпсэурт а щӀыналъэм.


Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ