Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 18:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

31 Адрей унэӀуту ар зылъэгъуахэм я гум икъукӀэ къеуати, пащтыхьым деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 18:31
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Лъэхъуэщым щӀэсхэр, абы фадыщӀэсым хуэдэу, икӀи гугъуехь зышэчхэри, гугъуехь ядэфшэчым хуэдэу, зыщывмыгъэгъупщэ. Фэри мы дунейм тет цӀыхухэм фащыщщ.


Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.


Ерусалим пэгъунэгъу хъууэ, къалэр щилъагъум, абы хуэгъыурэ, Хьисэ жиӀащ:


– УнэӀутым къигъэзэжри, Ӏуэхур зэрыхъуар и тепщэм къыжриӀэжащ. Апхуэдэу щыхъум, бысымыр къэгубжьри, унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми и уэрам цӀыкӀухэми псынщӀэу дыхьи, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, лъашэхэр мыбы къашэ».


Мис Екъуб и унагъуэм и хъыбарыр. Исуф, илъэс пщыкӀубл и ныбжьу, мэлхэри бжэнхэри игъэхъурт, и къуэшхэу Билхьэрэ Зилпэрэ я къуэхэм я гъусэу, щӀалэщӀэу, и адэм и фызхэм я гъусэу. Исуф нигъэсыжырт я адэм деж абыхэм папщӀэ хъыбар Ӏейхэр.


Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.


Си напэр сыуэ къыжысӀэн хуейщ: апхуэдэ Ӏуэхухэр тщӀэну лъэкӀыныгъэ диӀакъым. ЦӀыху гуэр Ӏуэху гуэркӀэ зыщытхъужыну тегушхуэмэ, сэри а ӀуэхумкӀэ сызыщытхъужыну сытогушхуэ – зэхэщӀыкӀ зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ.


Пащтыхьым ар щызэхихым, хуабжьу гущӀыхьэ щыхъуащ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, хъыджэбзыр зыхуейр иратыну унафэ ищӀри,


– А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ.


– Ауэ мыдрейм ар имыдэу, кӀуэри, ар лъэхъуэщым щӀригъэдзащ, щӀыхуэр къритыжыху.


– Пащтыхьым а унэӀутыр къригъашэри жриӀащ: «Уэ, унэӀут бзаджэ, укъызэлъэӀуати, си щӀыхуэу птелъ псори пхуэзгъэгъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ