3 жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.
Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.
уигу къэгъэкӀыж Зиусхьэным тхьэлъану хуищӀар, Екъуб и Тхьэ лъэщым псалъэ зэрыритар;
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
– Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым.
Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.
Сыту жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытатэмэ, я нэхэмкӀэ ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зыхащӀыкӀынт, си деж къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».*
Хьисэ Нафанаил жриӀащ итӀанэ: – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, уафэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм деж мелыӀычхэр дэкӀуейуэ икӀи къехыу флъагъунущ.
Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Ауэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкӀыну сэ Тхьэм сыпхуелъэӀуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкӀэ, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.
Аращи, «абыхэм я нэхэмкӀэ еплъ пэтми, зыри ялъагъунукъым, я тхьэкӀумэхэмкӀэ даӀуэ пэтми, зыри къагурыӀуэнукъым. Апхуэдэу щымытамэ, Тхьэм деж къагъэзэжынт, Тхьэм абыхэм я гуэныхьхэр яхуигъэгъунт».
апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
– Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр бейм дежкӀэ гугъущ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт, си дежи къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».
– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
– Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ.
Пэжыр нывжызоӀэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Мусэ и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, абы ит псори къэхъуху.
Хьисэ сабий гуэр къриджэщ, яку дигъэувэри,
Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ.