26 – Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьым и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, унэӀутым жиӀащ: «Сыхыумыгъэзыхь. Псори уэстыжынщ».
Адрей унэӀутым абы и пащхьэм зыщридзыхри, лъаӀуэу щӀидзащ: «Сыхыумыгъэзыхь, тӀэкӀу къыспэплъэ, уэстыжынущ».
– СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симон. – КъэпщӀащ, – жиӀащ Хьисэ.
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.
Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан, смирнэ тыгъэу иратащ.